Перевод: со всех языков на все языки

со всех языков на все языки

Зы лъэныкъуэкIэ

  • 1 лъэныкъуэкIэ

    нареч. в сторону
    / Лъэныкъуэ гуэркIэ.
    ЛъэныкъуэкIэ еплъэкIын. ЛъэныкъуэкIэ зыгъэзэн.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > лъэныкъуэкIэ

  • 2 зегъэбын


    лъэныкъуэкIэ зегъэбын (зыкIэрыгъэщIэн)
    прислониться

    Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр > зегъэбын

  • 3 зегъэбын

    (зрегъэб) перех. гл. 1. наклониться
    / ЗегъэщIын, лъэныкъуэкIэ ебэн.
    ЛъэныкъуэкIэ зригъэбащ. БлынымкIэ зегъэбын.
    2. прислониться, првалиться к кому-чему-л.
    / ЛъэныкъуэкIэ ещIэу зыгуэрым зыщIэгъэкъуэн.
    Абы блыным зригъэбащ.
    3. переносное см. зегъэбгъунлъэкIын. Маринэ алыхьым дежкIэ хуабжьу зригъэбащ, тхьэ елъэIурей хъуащ. Къэб.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > зегъэбын

  • 4 зы

    I 1. один
    / Бжыгъэ 1; 1 хъу.
    ШэджагъуэхуегъэзэкI хъуауэ.. {лIитIым} къабгъэдэлъэдащ зы шу. Ж. Б.
    2. один, одна, одно ( в значении существительного)
    / Зыгуэрым ехьэлIауэ къащтэ, хэха гуэр, Iуэхугъуэ пыухыкIа.
    Зы жыIэн, нэгъуэщI щIэн.
    II неопред. мест. 1. какой-то, некий
    / Зыгуэр, гуэр.
    ЩIалэ цIыкIур кIуэурэ зыщIыпIэ жэщ щыхъури Iуащхьэ гуэрым тежеихьащ. фольк.
    2. см. зыри. Дэнэ лъэныкъуэкIэ уплъами, мыл фIэкIа зы плъагъуртэкъым.
    Зы къупхъэм къигъэджэлауэ точь-в-точь. Хъыджэбз цIыкIуитI зэтIолъхуэныкъуэр зы къупхъэм къигъэджэлауэ зэщхьт.
    Зы лъэныкъуэкIэ с одной стороны ( в значении вводного слова). Зы лъэныкъуэкIэ щIалэм жиIэр пэжт, ауэ зыми даIыгъакъым.
    Зы махуэ (мазэ) енкIэ целый день (месяц). Машинэр щIыжыным щIалэр махуэ енкIэ елIэлIащ. Мазэ енкIэ къэтын.
    Зы махуэ зы махуэкIэ когда-нибудь. - Зы махуэ зы махуэкIэ уигу сыкъэгъэкIыж, - жиIащ хъыджэбзым.
    Зы мащIэ и куэда нисколько, ни на йоту. ЛIыр зы мащIэ и куэда яхуэгъэкIуэтакъым.
    Зы мащIэ нэхъ мыхъуми хоть чуточку. Зы мащIэ нэхъ мыхъуми щIалэр я хуекIуэтэкIакъым.
    Зы хъун объединиться. Бийхэр зы мэхъури зауэр догъахъэ. П. Б.
    Зым Iэпыхур зым къищтэжу дружно, слаженно ( работать). Елдар, Астемыр, Исхьэкъ сымэ зым Iэпыхур зым къищтэжу, зэгурыIуэу, зэчэнджэщу я къалэн зэфIагъэкIт. КI. А.
    глагольная приставка обозначающая возвратность действия
    / Зылэжьым лэжьыгъэр бгъэдыхьэжыныр къэзыIуатэ префикс, псалъи къигъэхъуу, грамматическэ мыхьэнэ иIэу.
    ЗытхьэщIын. Зыхуэпэн. Зыгъэхьэзырын.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > зы

  • 5 односторонний


    -яя, -ее
    1. дахапIэ зиIэ, зи лъэныкъуитIыр зэхуэмыдэ; односторонняя ткань дахапIэ зиIэ щэкI
    2. зы лъэныкъуэкIэ гъэза; одностороннее двияеение зы лъэныкъуэкIэ фIэкIа уздэкIуэ мыхъу
    3. перен. хэхауэ зы лъэныкъуэм теухуа, хуэунэтIа; одностороннее развитие зы лъэныкъуэкIэ зыужьыныгъэ

    Школьный русско-кабардинский словарь > односторонний

  • 6 ебэн

    (йобэ) неперех. гл. накрениться
    / ЛъэныкъуэкIэ ещIэн.
    Мэкъугур лъэныкъуэкIэ ебэн.
    * Ди адэр дунейм зэрехыжрэ куэд щIащ, ауэ сэ иджыри сызыщIэсыр абы ищIа унэжьщ. Ебащ, и лъабжьэхэр къыщIоху. У. А.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > ебэн

  • 7 едзэкIын

    (иредзэкI) перех. гл. 1. отбросить, откинуть кого-что-л. в сторону
    / Зыгуэр лъэныкъуэкIэ дзын.
    IэлъэщI кIапэр едзэкIын.
    * Софят и нитIыр ерагъкIэ къызэтрех, шхыIэн плъыжь хэдыкIар лъэныкъуэкIэ иредзэкI. Щ. I.
    2. накинуть, перекинуть что-л. через плечо (напр. шаль)
    / Зыгуэр плIэм е блэм едзын.
    ЩIакIуэр плIэм едзэкIын. Бэлътор Iэблэм едзэкIын.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > едзэкIын

  • 8 елъэщIэкIын

    (ирелъэщIэкI) перех. гл. 1. стереть что-л. в сторону (напр. пот со лба)
    / ЛъэныкъуэкIэ кIуэуэ зыгуэр лъэщIын.
    ПщIэнтIэпсыр елъэщIэкIын.
    2. пригладить, зачесать что-л. в сторону
    / ТелъащIэурэ лъэныкъуэкIэ гъэкIуэн (цым, щхьэцым щхьэкIэ жаIэ).
    * Абы и щхьэц Iувыр ирелъэщIэкI. Щ. I. ФатIимэт и набдзэхэр IэкIэ ирелъэщIэкI. Пьесэхэр.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > елъэщIэкIын

  • 9 етхъэкIын

    I (иретхъэкI) перех. гл. чертить в одном направлении
    / ЛъэныкъуэкIэ кIуэуэ итхъэн.
    II (иретхъэкI) перех. гл. рвать что-л. наискось
    / ЗэфIэтхъын, лъэныкъуэкIэ хэтхъэн.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > етхъэкIын

  • 10 ещIэн

    I (ирещIэ) перех. гл. причинить кому-л. что-л.
    / Зыгуэрым зы лэжьыгъэ гуэр ехьэлIэн.
    Напэншагъэ ещIэн. ЩIэпхъаджэ ещIэн.
    II (йощIэ) неперех. гл. 1. покоситься, накрениться
    / Ебэн, зыщIыпIэкIэ ешэха хъун.
    * Ныбаджэу бгъукIэ хьэр йощIэ. фольк. Мет цIухэр зэрыт мундир щыгъыу лIы гъур цIыкIу, мащIэу ещIэу тешанкIэм къикIри къуажэ правленэм и кIэлындор бгъуфэмкIэ игъэзащ. КI. Т. Зыгуэрым Хъуэжэ и унэр къэуэну лъэныкъуэкIэ ещIат. фольк.
    2. качнуться в сторону
    / ЛъэныкъуэкIэ уэн.
    * -Иджыпсту сэ атакэм сшэнщ фи ротэр! - ар жиIэу Сорокиныр щилъым, ещIэри тIэкIущ иIэжар укIурииным. Къ. Б.
    III (йощIэ) неперех. гл. кубано-зеленчукские см. ефIэн. КIэн ещIэн. Куэзыр ещIэн.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > ещIэн

  • 11 еIуэнтIэкIын

    а) (иреIуэнтIэкI) перех. гл. повернуть что-л. в сторону
    / ЕгъэзэкIын, зыгуэр лъэныкъуэкIэ IуэнтIэн.
    Щхьэр лъэныкъуэкIэ еIуэнтIэкIын. винтыр еIуэнтIэкIын.
    б) (йоIуэнтIэк) неперех. гл. повернуться в какую-л. сторону
    / ЗыщIыпIэкIэ гъэзэн.
    Шум ЩIыбагъымкIэ ириIуэнтIэкIащ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > еIуэнтIэкIын

  • 12 лъэныкъуабэ

    покосившийся
    / ЛъэныкъуэкIэ ещIа; зи щхьэр лъэныкъуэкIэ иша.
    * Жьышхуэ къепщэри Хъуэжэ и унэр лъэныкъуабэ ищIащ. Къэб. фольк. Жыраслъэнхэ я куэбжэ лъэныкъуабэм къыкъуэплъу Тинэ щытт. Iуащхь.
    Лъэныкъуабэ хъун потерять большую часть состояния.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > лъэныкъуабэ

  • 13 лъэныкъуэ

    1. сторона
    / ЗдэIуэнтIа, здэгъэза щIыпIэ къэзыгъэлъагъуэ.
    Лъэныкъуэ псомкIи.
    * Жылэм дызэрыдэкIыу цIыху тIурытI-щырыщурэ зыдгуэшри лъэныкъуэ зэрызкIэ дунэтIащ. Iуащхь. Сэ си нэр тенауэ уэшхыр щылъащэ лъэныкъуэмкIэ сыплъэрт. Iуащхь.
    2. один из пары чего-л.
    / ТIурытIу зэщIыгъу е зэхэлъ хабзэ хьэпшыпхэм, е Iэпкълъэпкъым щыщ Iыхьэхэм яз.
    Вакъэ лъэныкъуэ.
    * Лу Iэ лъэныкъуэкIэ иIыгът шхуэмылакIэр. Iуащхь.
    3. переносное край, область
    / Хэку; щIыпIэ.
    Тэрч лъэныкъуэ.
    4. переносное сторона, составная часть чего-л.
    / Iуэхугъуэ гуэрым и зы Iыхьэ (тхыгъэм н. къ.).
    * Лъэныкъуэ куэдкIэ бгъэдохьэ усакIуэр щалъхуа хэкум и образым. Н. З.
    Лъэныкъуэ егъэзын укрыть, убрать кого-что-л.
    * Дыгъужьыр жеихукIэ бажэжь цIыкIум дзажэр лъэныкъуэ иригъэзащ. Черк. таур.
    Лъэныкъуэ емыхьэкIын не скрывать, не утаивать чего-л. Лъэныкъуэ емыхьэкIыу къэхъуар жыIэн.
    Лъэныкъуэ зегъэзын устраниться; скрыться.
    И лъэныкъуэ хъун стать чьим-л. сторонником, союзником.
    * Абы хуэдэ къабзэу зигу хьэрэм имылъ псори ди лъэныкъуэ хъунущ. КI. А.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > лъэныкъуэ

  • 14 лъэныкъуэбэн

    (мэлъэныкъуабэ) неперех. гл. покоситься
    / ЛъэныкъуэкIэ ещIын, и щхьэр лъэныкъуэкIэ ишэн.
    Мэкъугур лъэныкъуэбэн.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > лъэныкъуэбэн

  • 15 щхьэшэ

    1. кривошеий
    / Зи щхьэр лъэныкъуэкIэ ишэу, ещIэу щыт.
    ЛIыжь щхьэшэ.
    2. кривой, накренившийся (о верхней части чего-л.)
    / Зи щхьэкIэр, щыгур лъэныкъуэкIэ ещIа, иша.
    Жыг щхьэшэ. Унэ щхьэшэ.
    3. переносное переживающий какое-л. горе
    / Гуауэ гуэр къехьэлъэкIыу зиIэ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > щхьэшэ

  • 16 сторона


    ж. I
    1. лъэныкъуэ; правая сторона ижь лъэныкъуэ; посмотреть по сторонам лъэныкъуитIымкIи плъэн
    2. щIыпIэ; дальняя сторона щIыпIэ жыжьэ
    3. лъэныкъуэ; солнечная сторона дыгъафIэ лъэныкъуэ
    4. (мат.) лъэныкъуэ; стороны квадрата квадратым и лъэныкъуэхэр
    5. перен. лъэныкъуэ; обсудить вопрос со всех сторон Iуэхум сыт и лъэныкъуэкIи хэплъэн
    отодвинуть кого-л. в сторону зыгуэр лъэныкъуэкIэ егъэкIуэтэкIын; с одной стороны зы лъэныкъуэкIэ

    Школьный русско-кабардинский словарь > сторона

  • 17 адэкIэ-мыдэкIэ

    нареч. туда-сюда, из стороны в сторону, в разные стороны
    / ЩIыпIэ-щIыпIэкIэ, лъэныкъуэ-лъэныкъуэкIэ.
    * IэкIуэ-IэкIуэу зэбгрыдза бжьыхьэвэ вагъэ тIэкIур адэкIэ-мыдэкIэ фIыцIэу къыхощ. КI. Т. МэжэлIащ бажэ цIыкIур, гъуэгум тету мажэ икIи зеплъыхь, адэкIэ-мыдэкIэ зыгуэр къыспэщIэмыхуэну пIэрэ, жери. Анэд.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > адэкIэ-мыдэкIэ

  • 18 бгъунлъэн

    (мэбгъунлъэ) неперех. гл. накрениться, сдвинуться в сторону
    / ЦIантхъуэу лъэныкъуэкIэ ещIэн. Iэжьэр бгъунлъащ.
    * Шыгъуэ Iэл мэбгъунлъэ. фольк.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > бгъунлъэн

  • 19 бидон

    бидон
    / Шэ, шатэ, дагъэ, псы сыт хуэдэхэр зэрызэрахьэ, гъущIхэкIым е плостмассэм къыхэщIыкIа, зи щхьэр бгъэбыдэ хъу кумбыгъэ; щыкъу.
    * ЛъэныкъуэкIэ зэхэтщ бидон хужь гуп, жэмыш къэс щхьэж ейр щхьэхуэу. Къ. Хь.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > бидон

  • 20 гъэзэн

    (егъазэ) перех. гл. 1. повернуть кого-что-л. в другую сторону
    / Зыгуэр нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ IуэнтIэн.
    Гупэр дыгъапIэмкIэ гъэзэн.
    * Имамхэ я унэ гупэр пщIантIэ кIуэцIымкIэ гъэзат. КI. А.
    2. направиться куда-л.
    / ЗыщIыпIэкIэ унэтIын.
    ГубгъуэмкIэ гъэзэн. КъуажэмкIэ гъэзэн.
    3. повернуть обратно, назад
    / КъыздикIамкIэ кIуэжын.
    Хъыбарыр щызэхихым, щIалэм игъазэри кIуэжащ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > гъэзэн

Поделиться ссылкой на выделенное

Прямая ссылка:
Нажмите правой клавишей мыши и выберите «Копировать ссылку»